-
1 зехьэн
(зэрехьэ) перех. гл. 1. носить кого-что-л./ Зыгуэр къехьэкIын, Iыгъыу къэкIухьын.Хьэлъэ зехьэн.2. развевать ( ветром)/ Жьым зэрихуэн, зэридзэн, кърихьэкIын.Дунейр.. зэщIищтауэ жьапщэ бзаджэм пшахъуэр гъуэжькурийуэ зэрихьэрт. Нарт.3. носить что-л. (одежду, обувь)/ Зыгуэр щыгъагъын (пыIэ, цей, вакъэ сыт хуэдэхэр).Астемыр и цейр щыгъащ илэжьэхукIэ, иужьым Тембот хуадыжми къэнар Лу зыкъомрэ зэрихьэ хъунут. КI. А.4. переносное управлять, руководить чем-л./ Зыгуэрым и унафэщIу щытын.Колхозыр зехьэн. Къэралыр зехьэн.5. переносное хранить, беречь что-л./ Зыгуэр хъумэн.Чэщей бжэмышххэр иджыри къэс {КIукIуэ и } адэшхуэм зэрехьэ. Iуащхь.6. переносное пользоваться чем-л., иметь что-л. в обиходе/ Зыгуэр къэгъэсэбэпын.Ди унагъуэм аркъэ щызетхьэркъым.7. переносное заботиться о ком-чем-л., ухаживать за кем-чем-л./ Зыгуэрым кIэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн.Унагъуэ зехьэн. Сымаджэ зехьэн. Сабий зехьэн. Хадэ зехьэн.Бзэгу зехьэн см. бзэгу.Залымыгъэ зехьэн см. залымыгъэ.Къулыкъу зехьэн см. къулыкъу.Лей зехьэн см. лей I, II.ЛIыгъэ зехьэн см. лIыгъэ.Нэпэншагъэ зехьэн см. напэншагъэ.УнэцIэ зехьэн см. унэцIэ.Хабзэ зехьэн см. хабзэ.ЦIэ зехьэн см. цIэ.Щэху зехьэн см. щэху I.Щхьэр зехьэн см. щхьэ.ЯтIэ зехьэн см. ятIэ.IэкIэ зехьэн см. Iэ.Iуэху зехьэн см. Iуэху. -
2 лIыгъэ
мужество/ Хахуагъэ, лIыхъужьыгъэ.* ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ. (погов.) ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. (погов.) ЛIыгъэр адэ щIэинкъым. (погов.)ЛIыгъэ бгъэдэлъын = лIыгъэ иIэн. ЛIыгъэ зехьэн (ищIэн) совершить мужественный поступок.* ЗекIуэ кIуащ жаIэмэ, лIыгъэ зэрихьэну ежьауэ къикIыу щытыгъащ. Iуащхь.ЛIыгъэ зехьэпIэ ихуэн = лIыгъэ щIапIэ ихуэн.ЛIыгъэ иIэн обладать мужеством.* ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр щощтэ. (погов.) Сэ къысфIэщIырт а си къуэшым нэхърэ нэхъ лIыгъэ зиIэ щымыIэу, абы зыри къыпэмылъэщыну. Къ. З.ЛIыгъэ къигъэкIын проявить мужество.ЛIыгъэ щIапIэ ихуэн оказаться в ситуации, где нужно ( можно) проявить мужество.ЛIыгъэм зегъэхьын переборов себя, сделать, стерпеть, снести что-л.* Гулей и джэ макъыр унэм зэхахати, Жамболэт, лIыгъэм зригъэхьри, шэсащ. Къ. Хь.ЛIыгъэр зэхэгъэкIын испытать чье-л. мужество. -
3 лIыгъэншагъэ
трусость/ ЛIыгъэ имыIэныгъэ, къэрабгъагъэ.ЛIыгъэншагъэ зехьэн.